Читать книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс онлайн
Аращ игъащӏэми – гур зэрыгъум дыгъур ирожэ. Хуэхъумакъым и пхъур. Улэ Сэбэр ӏуащхьэкӏэ зэ игъазэмэ, псэуху къызыӏэщӏэмыкӏыжынухэм зэраӏэщӏыхьэнур, абы кърикӏуауэ и унагъуэр зэрызэтекъутэнур Дысэ къыжраӏауэ ищӏэрт. Игъэзащ-тӏэ. Хъыджэбз цӏыкӏум тегужьеикӏри игъэзащ. Зыхыхьэн хуэмейхэм яхыхьащ, имыщӏэххэу заритащ. Иджы Пагуэрэ Улэрэ я насып зэпцӏам къутэжын щыщӏидзэнум Дысэ поплъэ. Гузэвэгъуэм зэрехуэри, зыгуэрхэр яхузэрехъэ, и пхъум и унагъуэр зэтриӏыгъэну «йолэжь», ауэ а псори зэрыщхьэгъэпцӏэжыр ещӏэ. Ецӏыхуж абы и пэшэгъухэр – хаубыдыкӏар я жыӏэдаӏуэ ящӏ, хуащӏыр и унафэнущ.
Налышык къикӏыну къулыкъущӏэр зыхуейри ещӏэ. Ар къыщӏэкӏуэм Дысэ и ӏэзэгъуэ хэлъщ. Тыншу къехъулӏэнукъым, ауэ хуищӏэнущ. Дысэ а къулыкъущӏэм зыгуэркӏэ хуеижынущ. Ари ещӏэ, ари и нэгу къыщӏохьэ, зэхех… Сытуи ӏуэху зэхуэмыдэ куэдым хэплъэрэ!
Тхьэмахуэ кӏуам Арщэбэ къикӏри зэлӏзэфыз къыхуэкӏуат. Унагъуэр зыщӏэшхыхь я жэм псэфыр кӏуэдат. «Къэвгъуэтыжынущ, мэз лъапэм фыщылъыхъуэ,» – яжриӏащ. Дысэ зыхищӏат а жэмым и бэкхъ зэгъэпэщар езыгъэбгына гузэвэгъуэр. Ищӏэжырт езым ипхъу закъуэр, балигъыпӏэм иува къудейуэ, и ӏэкӏэ зэрызыщӏичыжар, унагъуэ ихьэмэ, нэхъ хъума хъуну щыгугъыу… Мыбыи, псэущхьэу арами, анэ гукъеуэ иӏэт. Илъэс къэс шкӏащӏэ къыщӏохъуэри, псынщӏэ дыдэуи кӏэщӏач, зы уасэ хуагъэуври, ящэ. Анэ хъуа жэмыр хуейт и шырым гу щихуэну, и нэӏэ тету къигъэжэпхъыну. Иджы, и лъхуэгъуэр къыщысыпэм, и быным хуиту игъусэну, мэз лъапэм зыкъыщинэри шкӏэбз цӏыкӏур дунейм къытригъэхьати, и ӏутӏыжт. Зыри къапэрымыуамэ, абы и пхъур ипӏыжынут, игъэсэнут и щхьэр игъэпсэужу. Ауэ… насып здэщымыӏэр цӏыхум я деж и закъуэкъым.
Дысэ зэрыжиӏам хуэдэ дыдэу, жэм зэщӏэсыр мэз лъапэм къыщагъуэтыжащ. Шкӏащӏэр къабзабзэт, гъущэт, и ныбэ изт. Нэрылъагъут ар анэм зэрызэщӏибзеяр, шэи зэрыхуэмыныкъуар. Анэри, щыпсэфым иӏа хьэлъагъыр хэмылъыжу, пкъыфӏэрэ псынщӏафэу, и нэ псыфхэмкӏэ къахуеплъэкӏт къыкӏэлъыкӏуахэм, и быдзхэр зэкӏэщӏэпӏиерэ и шхуэлыр шэм къызэгуитхъынущ жыуигъэӏэу, пэгун хуэдизу зэӏышауэ. Псом нэхъ гъэщӏэгъуэнырати, жэмымрэ шкӏэмрэ я пащхьэм и джабэр иуэжауэ дыгъужь исщ и дзэр зэрегъэшхри, ауэ къэтэджынуи ӏэщхэм ябгъэдыхьэнуи хузэфӏэкӏыркъым. Цӏыхухэр къыщыӏухьэм, ерагъыу зыкъиӏэтри и щхьэр ӏуихыжащ. Мис апхуэдэщ Дысэ и ӏэзэкӏэр. Иджы къуажэм щагъэхъыбар дыгъужьыр хьэпэщыпхэ зэрищӏар. Нэхъыбэр есэжащ Дысэ хуэдэхэм я «ӏэщӏагъэм» – антыхэхэми адрей лъэпкъхэми игъащӏэм къадокӏуэкӏ ар.